Еянэ классым литературэ урокым «Iэнусэрэ Сэлимэрэ я образыр» (Къущхьэ С.И. «Анэ») темэр зэрыщегъэджыпхъэ л 1 эужьыгъуэ. Урок-презентацэр зыгъэхьэзырар.

Презентация:



Advertisements
Похожие презентации
Еянэ классым литературэ урокым «Iэнусэрэ Сэлимэрэ я образыр» (Къущхьэ С.И. «Анэ») темэр зэрыщегъэджыпхъэ л 1 эужьыгъуэ. Урок-презентацэр зыгъэхьэзырар.
Advertisements

Транксрипт:

Еянэ классым литературэ урокым «Iэнусэрэ Сэлимэрэ я образыр» (Къущхьэ С.И. «Анэ») темэр зэрыщегъэджыпхъэ л1эужьыгъуэ. Урок-презентацэр зыгъэхьэзырар Баксаненкэ къуажэм дэт МОУ «СОШ 2-м» адыгэбзэмрэ литературэмк1э и егъэджак1уэ Ержокъуэ М.А.

Мурадхэр: Салимэрэ Iэнусэрэ я образыр рассказым къызэрыхэщым щыгъэгъузэн, абыхэм сабийм хуа1э щытык1эр убзыхун; анэм и къалэныр зэрыгугъур, ауэ ар щ1ыхьышхуэ зыпылъ 1уэхугъуэу зэрыщытыр еджак1уэхэм зэхегъэщ1эн, тхыгъэм еджак1уэ ц1ык1ухэм я гум сыт хуэдэ гурыщ1э къыщигъэушами псалъэк1э къегъэ1уэтэн; эпитет, зэгъэпщэныгъэ, пейзажыр къыщыгъэлъэгъуа щ1ып1эхэр рассказым къыщегъэгъуэтын.

. Доскам итщ урокым и темэм ехьэл1а эпиграфхэр: Сабиигъуэм къысхуищ1ауэ тыгъэ Псэм и щ1асэ Гъатхэ пасэ дыгъэу Гущ1эм щоф1эр анэ лъагъуныгъэр! Лъап1эу гъащ1эр Схуэпщ1ри анэм тыгъэ, Силъ хыупщэни пхулъэк1ащ пэжыгъэр! Къармэ З.

2.Сабиигъуэм и макъамэр Псэм гу1эгъуэу къыхо1ук1. Зы телъыджэ насып хъуаск1эу Гукъэк1ыжхэм холыдык1! Хьэту П.

Урокым и темэм ехьэл1а псалэжьхэр: 1.Сабииншэр насыпыншэщ. 2.Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ. 3. Ц1ыху зып1 ц1ыху уасэ хон. 4. Анэм и хабзэр, пхъум и бзыпхъэщ. 5. Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ. 6.Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ. 7.Анэм и быным хуищ1эр ф1эмащ1эщ. 8. Анэм къуипэсыр гунэсщ. 9.Анэм къуитыр 1эф1щ. 10. Быныр нэм и хъуахуэщ. 11. Уи анэрэ уи нит1рэ. 12.Быныншэ лъэужьыншэ.

Пэублэ псалъэ Анэ… Сабийм псэлъэн щыщ1идзэм деж япэ дыдэу жи1э псалъэр «мамэщ».Абы къегъэлъагъуэ анэм нэхърэ нэхъапэ, нэхъ лъап1э, дэтхэнэ ц1ыхум дежк1и зэрыщымы1эр. Ижь-ижьыж лъандэрэ анэм епхащ унагъуэм зэгуры1уэ илъынри, сабийр гъэсауэ, хабзэ, нэмыс и лъэныкъуэк1э къэхъунри, къабзагъэ яхэлъынри, лэжьыгъэм есауэ къыдэк1уэтеинри. Дунеир зыгъэнэхур дыгъэщи, зэтезы1ыгъэр гущ1эгъущ, а гущ1эгъумрэ нэхугъэмрэ дэтхэнэ зы анэми и быным иритыну и къалэнщ. Ауэ,ди жагъуэ зэрыхъунщи, зи анэ къалэныр зымыгъэзащ1э, къалъхуами я сабийр яп1ыжыну хуэмей ц1ыхубзэхэми ди гъащ1эм ущрохьэл1э.

Урокым и ек1уэк1ык1энур. I.Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын. Анэм теухуауэ унэм щатха сочиненэ к1эщ1 ц1ык1ум еджак1уит1 къегъэджэн. 1.«Анэ» рассказым темэ нэхъыщхьэ хуэхъуар сыт? 2. Сыт хуэдэ гупсысэ щыпхырыша мы тхыгъэм? 3. Рассказым дауэ дыхишэрэ тхак1уэм, хэт и унагъуэ япэу абы дызригъэхьар? 4. Салимэ, ц1ыхубз ныбжьыщ1эр сабийгъэбэяу щхьэ хъурэ? 5. Ат1э хъыджэбз дэс, сабий п1ык1эм щымыгъуазэр дауэ ехъул1эрэ а 1уэхум? 6. Хэт Исмахьил ик1и сыт хуэдэ увып1э щиубыдрэ абы Салимэ и гъащ1эм? 7. Рассказым сыт хуэдэ к1эух иригъэгъуэтрэ тхак1уэм?

Темэщ1эр егъэджын. Анусэрэ Салимэрэ я образыр. Темэщ1эм ехьэл1а упщ1эхэр: 1. Дауэ дигъэц1ыхун щ1идзэрэ тхак1уэм 1энусэ рассказым и пэм? 2. Салимэ-щэ? Дэнэ абы дыщы1ущ1эр япэ дыдэу? 3. 1энусэ и гущ1ы1агъыр сытхэм къыдигъэлъагъурэ? 4. Ат1э «няняри» апхуэдэу п1эрэ зэрыхущытыр сабийм? 5. Анусэ апхуэдэ зы гугъуехь дишэчрэ Заур ц1ык1у? 6. Сыт хуэдэ къуалэбзу мыбдеж 1энусэ и образыр Зэвгъэщхьыр? 7. Салими ук1ыжауэ п1эрэ сымаджэщым щ1алэ ц1ык1ур къыщ1инэу? 8. Иужьы1уэк1э сыт хуэдэ 1уэхугъуэк1э 1энусэ Салимэ Зыкъыхуигъазэрэ, къечэнджэщрэ? 9. Абдеж щиухыуп1эрэ Салимэ и гугъуехьыр? Хэт иджыри ар зэныкъуэкъуу тхыгъэм къыхэ- щыр?

10.Нт1э, фэ дауэ фыхущыт 1энусэ и щыты- к1эм? Зыгуэрк1э вгъэзахуэу п1эрэ фэ ар? 11.Хэт нэгъуэщ1 еплъык1э и1э? 12.Усэхэм, уэрэдхэм 1энусэ хуэдэ анэм и щытык1эр къыхэщу фрихьэл1а? Сабийм и гъыбзэ Си1акъым сэ анэ гумащ1э Си щхьэфэм 1э къыдилъэну, Си1ами адэ сымыщ1э, И л1ыгъэм срипэгэну. Псоми къызжа1эрт си анэм Сыц1ык1уу сыхыф1идзауэ. Зеиншэ хъуахэр щап1ыжым Сриту зигъэпщк1ужауэ. Ежьу: Ей мамэ, мамэ, къеда1уэт Мы сэ си гъыбзэм. Сытк1э сыкъуаншэ, къызже1эт, Анэбгъэм уэ сыкъыщ1эпчу, Уи гущхьэр къызэгуэмычу, Плъэк1ащи сыхыф1эбдзэну. Ар дауэ си гум техуэну? Къыспэплъэр хэт къызжи1эну? Си гуауэр хэт хуэс1уэтэну? Анэк1э хъуну-т1э уеджэ, Бын хыф1эзыдзэм апхуэдэу, Гу1эгъуэ нэпсым къыхинэу Ежьэжу и гум къыхуидэу. Гъыринэ сэ къысф1ащауэ Ц1ыху псори къысщыдыхьэшхыу. Тхьэ я1уэрт сэ сф1эмык1ауэ, Хэт ф1адыгъуари к1уэдари. Ежьу: Зыгуэрым игу къысщ1эгъуамэ, Сыщыгък1э къысщхьэщыжамэ, Зесшэк1ырт къысф1эщ1у си анэу. Уэ пщ1эуэ п1эрэ, си анэ, Сэ нэпсым ситхьэлэжами, Е си адэ-анэм фи бамп1эм Сил1ык1ыу сыщ1алъхьэжами. Ежьу:

Анэм нэхърэ анэнэп1эсыр нэхъ гумащ1эу къыщыщ1эк1 куэдрэщ

Мы бзумрэ 1энусэрэ я дуней тетык1эр сытк1э зэщхь?

12. Мы сурэтит1ыр Салимэрэ 1энусэрэ я образым сытк1э епхьэл1э хъуну?

Быныншэ лъэужьыншэ. Быныр нэм и хъуахуэщ.

Нт1э, фэ сыт хуэдэ к1эух ефтынт мы рассказым? Дауэ иухмэ нэхъ къафщтэрэ мы тхыгъэр?