Темэр :«Зек 1 уэ и вакъэ лажьэркъым» Урокым и мурадхэр: 1.Псалъэуха зэхэлъ-зэпхам теухуауэ я 1 э щ 1 эныгъэр нэхъ куу щ 1 ын, ящ 1 эр къэпщытэжын. 1.Псалъэуха.

Презентация:



Advertisements
Похожие презентации
Темэр :«Зек 1 уэ и вакъэ лажьэркъым» Урокым и мурадхэр: 1.Псалъэуха зэхэлъ-зэпхам теухуауэ я 1 э щ 1 эныгъэр нэхъ куу щ 1 ын, ящ 1 эр къэпщытэжын. 1.Псалъэуха.
Advertisements

Транксрипт:

Темэр :«Зек1уэ и вакъэ лажьэркъым»

Урокым и мурадхэр: 1.Псалъэуха зэхэлъ-зэпхам теухуауэ я1э щ1эныгъэр нэхъ куу щ1ын, ящ1эр къэпщытэжын. 1.Псалъэуха зэхэлъ-зэпхам теухуауэ я1э щ1эныгъэр нэхъ куу щ1ын, ящ1эр къэпщытэжын. 2.Еджак1уэхэм я гупсысэр тэмэму къа1уэтэфыным, я1э щ1эныгъэр къызэщ1акъуэжыфыным хущ1экъун. 2.Еджак1уэхэм я гупсысэр тэмэму къа1уэтэфыным, я1э щ1эныгъэр къызэщ1акъуэжыфыным хущ1экъун. 3. Текстым и зэпкърыхыныгъэмк1э я1э есэныгъэм хэгъэхъуэн, бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын. 3. Текстым и зэпкърыхыныгъэмк1э я1э есэныгъэм хэгъэхъуэн, бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.

I Теоретическэ III Къэщ1эрей и 1ыхьэ IV Щ1эныгъэр къыщахутэ V Синтаксическэ VI Тест къэувы1эп1э II Творческэ

Синтаксическэ шэрхъ к1эрахъуэ I- Теоретическэ

- Сыт псалъэуха зэхэлък1э зэджэр? - Сыт хуэдэгупит1у игуэшрэ псалъэуха зэхэлъхэр? - Псалъэуха зэхэлъ – зэпхак1э зэджэр сыт?

- Псалъэуха зэхэлъ – зэпхам и 1ыхьэ пажэмрэ гуэдзэмрэ дауэ зэпыщ1а хъурэ? - Сыт хуэдэ увып1э иубыдрэ псалъэуха гуэдзэм ? - Сыт хуэдэ псалъэуха гуэдзэ л1эужьыгъуэхэр щы1э?

- Дополненэ псалъэуха гуэдзэк1э зэджэр сыт? - Сыт подлежащэ псалъэуха гуэдзэк1э зэджэр? - Я мыхьэнэ, пажэм зэрепха щ1ык1э елъытауэ обстоятельствэ псалъэуха гуэдзэхэр сыт хуэдэу зэщхьэщык1рэ? - Псалъэуха гуэдзэр псалъэуха пажэм щ1ымыгъуу щытмэ, гуры1уэгъуэ хъууэ п1эрэ абы къи1уатэр?

Синтаксическэ шэрхъ к1эрахъуэ II - Творческэ

Анэ Гъащ1эм и къежьап1э Куэдым зэралъытэр аращ мы дунейр сыт щхьэк1э жып1эмэ ц1ыху гъащ1эр зытезы1ыгъэр анэм и быным хуи1э лъагъуныгъэрщ Аращ псори къыщежьэр ик1и аращ псори щиухыр Анэ Гъащ1эм и къежьап1э Куэдым зэралъытэр аращ мы дунейр сыт щхьэк1э жып1эмэ ц1ыху гъащ1эр зытезы1ыгъэр анэм и быным хуи1э лъагъуныгъэрщ Аращ псори къыщежьэр ик1и аращ псори щиухыр Ц1ыху псори къэзгъэщ1 анэм Тхьэм гухэщ1 нэхъыбэ къыхуигъэщ1ащ телъыджэуи зэхэлъщ ар гулэзыгъуаф1эу псэ п1ащ1эу фэ 1уву. Аращ анэм къылъысар дуней насыпыр щагуэшым. Ц1ыху псори къэзгъэщ1 анэм Тхьэм гухэщ1 нэхъыбэ къыхуигъэщ1ащ телъыджэуи зэхэлъщ ар гулэзыгъуаф1эу псэ п1ащ1эу фэ 1уву. Аращ анэм къылъысар дуней насыпыр щагуэшым. Сыт хуэдэ мылъкури зыми щыщкъым адыгэм адыгагъэ щыгъупщэмэ. Хуэсакъын хуейщ ныбжьэгъум адэм и псалъэм анэм и лъагъуныгъэм.

Сыт хуэдэ гупсысэ щыпхрыша текстым? Сыт хуэдэ гупсысэ щыпхрыша текстым? Сыт хуэдэ стилк1э тха мы текстыр? Сыт хуэдэ стилк1э тха мы текстыр? Публицистическэ стилк1э зэджэр сыт? Публицистическэ стилк1э зэджэр сыт? Бзэм и стилхэу иджыри сыт хуэдэхэр фщ1эрэ? Бзэм и стилхэу иджыри сыт хуэдэхэр фщ1эрэ?

Гулэзыгъуаф1э, ибэ- псалъэхэм я лексическэ мыхьэнэр сыт? Гулэзыгъуаф1э, ибэ- псалъэхэм я лексическэ мыхьэнэр сыт? Сыт хуэдэ художественно - изобразительнэ 1эмалхэр къыщыгъэсэбэпа текстым? Сыт хуэдэ художественно - изобразительнэ 1эмалхэр къыщыгъэсэбэпа текстым?

Псалъэуха зэхэлъ – зэпха къыщыгъэсэбэпауэ п1эрэ мы текстым? Ар зэрыпсалъэуха зэхэлъ – зэпхар сытым къыдигъащ1эрэ? Псалъэуха зэхэлъ – зэпха къыщыгъэсэбэпауэ п1эрэ мы текстым? Ар зэрыпсалъэуха зэхэлъ – зэпхар сытым къыдигъащ1эрэ?

Доскам ит псалъэухахэр нэгъэсыжын... сабийр ибэкъым.... сабийр ибэкъым. Бзаджэр уи пэшэгъумэ.... Бзаджэр уи пэшэгъумэ анэм псэууэ елъагъу.... анэм псэууэ елъагъу.

Сыт хуэдэ псалъэуха мыхэр? Сыт хуэдэ псалъэуха мыхэр?

Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэжьхэр? Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэжьхэр?

I гупым - «Анэр и1эмэ, сабийр ибэкъым» I гупым - «Анэр и1эмэ, сабийр ибэкъым» II гупым «Къуэм и нэр нэфми, анэм псэууэ елъагъу» II гупым «Къуэм и нэр нэфми, анэм псэууэ елъагъу» III гупым - текстым адэк1э зевгъэужь. III гупым - текстым адэк1э зевгъэужь.

Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэжьхэр? Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэжьхэр?

Синтаксическэ шэрхъ к1эрахъуэ III- « Къэщ1эрей и 1ыхьэ»

I гупым - Пунктуационнэ щыуагъэхэр къэгъуэтын, псалъэуха гуэдзэ л1эужьыгъуэр убзыхун.

1.Мызэ – мыт1эу мы щ1ып1эм сыщы1ати, сэ ф1ыуэ сщ1эрт мыбы дыгъужь зэрыщы1эр. 2.Дэ зыми гу къытлъимытэн щхьэк1э, хуей гъунэ къуацэм зыхэдгъэпщк1уащ.3. К1ыф1ымрэ нэхумрэ зэныкъуэкъуу пшапэр щызэхэуэ дыдэм хуейм зы бжэн ц1ык1у къилъэдащ. 4. Си гъусэр бжэным езгъэуэнутэкъым, сыт щхьэк1э жып1эмэ дэ дызэщак1уэр аратэкъым. 5. Мыгувэу а бжэн дыдэр къуэр зыдэщы1э лъэныкъуэмк1э къыдэлъэтри, шэ ц1ывам хуэдэу, дэ къыдбгъэдэлъэдащ.

II гупым - Перфокартэхэм ит псалъэухахэм я схемэ зэхэлъхьэн, гуэдзэ л1эужьыгъуэр къэхутэн.

п/п Псалъэухахэр Псалъэу хам и схемэ Гуэдзэ л1эужь. 1.Сэлихь ар зык1и гъэщ1эгъуэн щыхъуатэкъым, сыту жып1эмэ анэмрэ къуэмрэ щ1эсу нысэм псалъэ и хабзэтэкъым.(Къ.Хь.) 2.Уи гур здэпхъэм уи лъэр лъэ1эсын папщ1э, абы ерыщу хущ1экъун хуейщ.(К1.Т.) 3.Зи ик1ыгъуэр къэса гъатхэм и лъэужьым иту к1уэ хуэдэ, ахэр хуэм дыдэут зэрык1уатэр.(К1.Т.)

III гупым – Псалъэуха гуэдзэ л1эужьыгъуэр къэхутэн.

1.Хэт тхылъ куэд еджэми, ар жьак1уэу псэлъэф ик1и щыуагъэншэу тхэф мэхъу. 2.Уэ езым гурэ псэк1э зыхэпщ1эн хуейщ, хэт уи бийми, хэт уи къуэшми. 3.Астемыр и шыр ищат, егъэджак1уэу ежьэжын мурад и1эти. 4.Уи ныбжьэгъухэм щыщу дэтхэнэми уэ пэжу ухущытмэ, ахэр езыхэри пэжу къыпхущытыжынщ. 5.Мыр уэ пхуэс1уэтэжк1и, си сабий гъащ1э блэк1ам уеубзэжыфынкъым.

Синтаксическэ шэрхъ к1эрахъуэ IV - Щ1эныгъэр къыщахутэ

[ О ик1и О ] – псалъэуха зэхэлъ - зэпхащ. [ О ик1и О ] – псалъэуха зэхэлъ - зэпхащ. Адыгэбзэм и 1ыхьэ нэхъыщхьэхэм хеубыдэ пунктуацэр. Адыгэбзэм и 1ыхьэ нэхъыщхьэхэм хеубыдэ пунктуацэр. Псалъэуха гуэдзэм и къалэныр псалъэуха пажэм и пкъыгъуэхэм ящыщ зы гъэбелджылынырщ. Псалъэуха гуэдзэм и къалэныр псалъэуха пажэм и пкъыгъуэхэм ящыщ зы гъэбелджылынырщ. Псалъэуха гуэдзэр сыт щыгъуи къызэрык1уэр псалъэуха пажэм и ужь итущ. Псалъэуха гуэдзэр сыт щыгъуи къызэрык1уэр псалъэуха пажэм и ужь итущ. Хэт жьы къабзэм куэдрэ хэтми, абы и узыншагъэр ирегъэф1ак1уэ.-псалъэухам хэт гуэдзэр дополненэщ. Хэт жьы къабзэм куэдрэ хэтми, абы и узыншагъэр ирегъэф1ак1уэ.-псалъэухам хэт гуэдзэр дополненэщ.

Псалъэуха гуэдзэр псалъэуха пажэм епхауэ, абы и к1эрыдзэну, абы и пкъыгъуэ гуэрым и п1э иувэу зэрыщытым къыхэк1к1э, ар и щхьэ хуитыжу, и закъуэу къэбгъэсэбэп мыхъуу, къи1уэтэну гупсысэр уха мыхъуу щытынк1э хъунущ. Псалъэуха гуэдзэр псалъэуха пажэм епхауэ, абы и к1эрыдзэну, абы и пкъыгъуэ гуэрым и п1э иувэу зэрыщытым къыхэк1к1э, ар и щхьэ хуитыжу, и закъуэу къэбгъэсэбэп мыхъуу, къи1уэтэну гупсысэр уха мыхъуу щытынк1э хъунущ. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхам и 1ыхьэ нэхъыщхьэращ къыщык1уэр зыгъэлъагъуэ псалъэхэр. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхам и 1ыхьэ нэхъыщхьэращ къыщык1уэр зыгъэлъагъуэ псалъэхэр. Зы псалъэуха пажэм гуэдзэу т1у е нэхъыбэ къыхуэк1уэнк1э хъунущ. Зы псалъэуха пажэм гуэдзэу т1у е нэхъыбэ къыхуэк1уэнк1э хъунущ. Псалъэуха зэхэлъ – зэпхам и 1ыхьэ нэхъыщхьэм зыгъэлъагъуэ псалъэ хэтын, хэмытыным елъытауэ псалъэуха пажэмрэ псалъэуха гуэдзэмрэ я зэпхык1эр щыуэ зэщхьэщыбгъэк1 хъунущ. Псалъэуха зэхэлъ – зэпхам и 1ыхьэ нэхъыщхьэм зыгъэлъагъуэ псалъэ хэтын, хэмытыным елъытауэ псалъэуха пажэмрэ псалъэуха гуэдзэмрэ я зэпхык1эр щыуэ зэщхьэщыбгъэк1 хъунущ.

Синтаксическэ шэрхъ к1эрахъуэ V- Синтаксическэ

I гупым- Анэм къуэм и пщэ сыт кърилъхьэми, гурэ псэк1э бгъэдэту зэрылъэк1к1э игъэзащ1эрт.

II гупым- Хабзэмрэ адыгагъэмрэ псалъэ къудейк1э щ1эблэм кърагъащтэркъым, сыт щхьэк1э жып1эмэ ц1ыхум и хьэлыр зэф1эзыгъэувэр и 1уэхущ.

III гупым- Хэт пщэдджыжьк1э лъэсу къик1ухьми, абы и узыншагъэр иригъэф1ак1уэу аращ.

Синтаксическэ шэрхъ к1эрахъуэ VI – Т ест къэувы1эп1э

1) Псалъэухахэр зэк1элъыхьын текст къыхэк1ын хуэдэу. 1) Псалъэухахэр зэк1элъыхьын текст къыхэк1ын хуэдэу. А) Илъэсищэ хъуащ си анэр. Б) Ауэ сымыщ1эххэу, сыпэмыплъэу, си лъыр сф1игъэдийуэ гурыгъу щ1ы1эр сэ къысхохьэ, сыт щхьэк1э жып1эмэ хъуащ си анэр илъэсищэ. В) Ауэ жанщ иджыри – ар мэлажьэ. Г) Сытыр злэжьми, дэнэ щ1ып1э сыщы1ами, нэхъ сып1ащ1эу сып1ейтейми, гъэт1ылъауэ сымамырми – сытым щыгъуи си гур хуожэ а си анэм, сыту жып1эмэ гущ1агъщ1элъу сохь ар си псэм ехуэбэк1ыу. А) Илъэсищэ хъуащ си анэр. Б) Ауэ сымыщ1эххэу, сыпэмыплъэу, си лъыр сф1игъэдийуэ гурыгъу щ1ы1эр сэ къысхохьэ, сыт щхьэк1э жып1эмэ хъуащ си анэр илъэсищэ. В) Ауэ жанщ иджыри – ар мэлажьэ. Г) Сытыр злэжьми, дэнэ щ1ып1э сыщы1ами, нэхъ сып1ащ1эу сып1ейтейми, гъэт1ылъауэ сымамырми – сытым щыгъуи си гур хуожэ а си анэм, сыту жып1эмэ гущ1агъщ1элъу сохь ар си псэм ехуэбэк1ыу. 1. АБВГ 2. ВАГБ 3. АВГБ 1. АБВГ 2. ВАГБ 3. АВГБ 4. ГАБВ 4. ГАБВ

2)Псалъэуха (В) сыт хуэдэ псалъэра е псалъэ зэпхара лъабжьэ хуэхъуар? 2)Псалъэуха (В) сыт хуэдэ псалъэра е псалъэ зэпхара лъабжьэ хуэхъуар?

3)Псалъэуха зэхэлъ – зэпхар къэгъуэтын. 3)Псалъэуха зэхэлъ – зэпхар къэгъуэтын. А)Акъылым уасэ и1экъым, гъэсэныгъэм гъунэ и1экъым. Б)Хабзэмыщ1э щ1ык1ейщ. А)Акъылым уасэ и1экъым, гъэсэныгъэм гъунэ и1экъым. Б)Хабзэмыщ1э щ1ык1ейщ. В)Гуауэм иу1ам хущхъуэ сэбэп хуэхъуркъым, джатэм иу1ар абык1э хъужми. В)Гуауэм иу1ам хущхъуэ сэбэп хуэхъуркъым, джатэм иу1ар абык1э хъужми.

4) Запятой дапщэ щыгъэувын хуей мы псалъэухам: 4) Запятой дапщэ щыгъэувын хуей мы псалъэухам: Хэти сыт къызрехъуэн ауэ сэ слъэк1ынукъым сыныжь уи деж зыщызмы1эжьэн сыт щхьэк1э жып1эмэ къыздалъхуам хуэдэу усф1эф1щ сэ уэ. Хэти сыт къызрехъуэн ауэ сэ слъэк1ынукъым сыныжь уи деж зыщызмы1эжьэн сыт щхьэк1э жып1эмэ къыздалъхуам хуэдэу усф1эф1щ сэ уэ. А) 2 Б) 3 В) 4 А) 2 Б) 3 В) 4

5) Псалъэуха пажэм къыхуэк1уа псалъэуха гуэдзэр сыт хуэдэ: 5) Псалъэуха пажэм къыхуэк1уа псалъэуха гуэдзэр сыт хуэдэ: 1ит1 пэтрэ зэрымыщ1эмэ, зэрытхьэщ1ыркъым. 1ит1 пэтрэ зэрымыщ1эмэ, зэрытхьэщ1ыркъым. А)дополненэ А)дополненэ Б)подлежащэ Б)подлежащэ В)обстоятельствэ В)обстоятельствэ

6) Плъырым джэдыгур къыщ1ищтар, жэщыр щ1ы1эты1э хъумэ, зыщит1эгъэну аращ. - псалъэухам запятой щыгъэуващ 6) Плъырым джэдыгур къыщ1ищтар, жэщыр щ1ы1эты1э хъумэ, зыщит1эгъэну аращ. - псалъэухам запятой щыгъэуващ А)псалъэуха пажэри гуэдзэри зыубгъуауэ щытщи. А)псалъэуха пажэри гуэдзэри зыубгъуауэ щытщи. Б)псалъэуха пажэри гуэдзэри псалъэ зырыз ф1эк1а мыхъуу щытщи. Б)псалъэуха пажэри гуэдзэри псалъэ зырыз ф1эк1а мыхъуу щытщи. В)псалъэуха гуэдзэр пажэм и кум хэтщи, гуэдзэр лъэныкъуит1ымк1э къыхагъэщхьэхук1. В)псалъэуха гуэдзэр пажэм и кум хэтщи, гуэдзэр лъэныкъуит1ымк1э къыхагъэщхьэхук1.

III. Унэ лэжьыгъэ. III. Унэ лэжьыгъэ. Сочиненэр нэгъэсыжын; Сочиненэр нэгъэсыжын; псалъэжьит1рэ нэщэнит1рэ псалъэуха зэхэлъ зэпхауэ тхын, зэрызэпха союзхэр щ1этхъэн е тхыгъэ гуэрым къыхэхауэ псалъэуха зэхэлъ зэпхауэ т1у- щы тхын; псалъэжьит1рэ нэщэнит1рэ псалъэуха зэхэлъ зэпхауэ тхын, зэрызэпха союзхэр щ1этхъэн е тхыгъэ гуэрым къыхэхауэ псалъэуха зэхэлъ зэпхауэ т1у- щы тхын; зэджахэр псори къэпщытэжын. зэджахэр псори къэпщытэжын.

Узыншэу фыщыт! Узыншэу фыщыт!