Лъэужь дахэ. УсакIуэ, тхакIуэ, драматург гъуэзэджэ… ТхакIуэм и цIэм нэмыщI, и щхьэр умыцIыхуу щыщытым и деж итххэр нэхъ тыншу къызэрыппкъырыхьэм куэдым.

Презентация:



Advertisements
Похожие презентации
Лъэужь дахэ. УсакIуэ, тхакIуэ, драматург гъуэзэджэ… ТхакIуэм и цIэм нэмыщI, и щхьэр умыцIыхуу щыщытым и деж итххэр нэхъ тыншу къызэрыппкъырыхьэм куэдым.
Advertisements

Транксрипт:

Лъэужь дахэ

УсакIуэ, тхакIуэ, драматург гъуэзэджэ… ТхакIуэм и цIэм нэмыщI, и щхьэр умыцIыхуу щыщытым и деж итххэр нэхъ тыншу къызэрыппкъырыхьэм куэдым гу лъатауэ къыщIэкIынщ. Ар зытет дунеймрэ къигъэщI дунеймрэ апхуэдизкIэ зэпэхъу-зэпэщIэуэщи, щхьэж къилъыхъуэр къыщыпкIыу щигъуэтыфынущ тхакIуэм и деж. ЦIыхум псэ щыIутк1э, хьэуакIэ зэрыбауэм къыщыщIэдзауэ анэл мыхъуу хьэмцIыракIэ къытекIэнкIэ зэрыхъунум и деж щыщIэтIыкIыжауэ къэпхутэну ухуей, хьэмэ узыхишэ дунейм ущызэкIэщIэплъыну ухуей? Аращ нэхъыщхьэр здэщыIэр.

Сонетхэр Сэ къыхызощIыкIыр пшэхум уи сурэтыр, Пшэхур зэкIэщIокIри, и кIэр сфIокIуэдыж. Къуршым укъыхэплъу теплъэр къызогъуэтыр, Ари, гъуэбжэгъуэщщи, гъуэзым хоткIухьыж… ФIыкъым щымыIэжым кудрэ утегъэныр, ГъащIэм фIэфIыр псоми ебэкъуэфхэращ. Ауэ дауэ уи гум узэребэкъуэнур, Абы и блэкIари нобэри уэращ… КъыщекIухь гупсысэм гъащIэ ауз куэдым, КъыщекIухьри, пщIыхьхэм уэ къыщыпхуозэж. ПщIыхьхэр- тфIэкIуэдауэ гум хуэмыгъэкIуэдхэм Я хэщIапIэ закъуэу щыIэ дуней пэжщ… Гъэхэм гурылъ псори дэлъэлъэж зи гугъэм ХищIыкIакъым зэи зыри лъагъуныгъэм.

Зэчий лъагэ « Сыхуейт, хуабжьу сыхуейт, зэ закъуэ нэхъ мыхъуми, мы дунейм ди зэхуэдэу Тхьэм къытхуигъэщIа мы дуней дахэшхуэм и IэфIыр нэсу зыхэсщIэну: сыщIэгузавэ, сыщIэпIейтей, сыщIызэгуэп лъэпкъ гуэр щымыIэу зы пщэдджыжь гуэр сыкъэушыну. Борис итха пьесэхэм сэ мызэ-мытIэу сызэмыджа яхэткъым. Куэдым ар Шекспиррэ Мольеррэ зэрырагъэщхьыр сэ къабыл сощI, сыту жыпIэмэ, илъэсищэм зэщ апхуэдэ зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ цIыху къызэралъхур… Сыт хуэдэ Iэнат1э Iумытами, ар зэрыригъэфIэкIуэным, щIэ гур зэрихэлъхьэным щIэкъуащ, псэ къабзэ-гу къабзэкIэ лъэпкъым хуэлажьэу, абы и набдзэу дунейм тетащи, апхуэдэу ди гум илъынщ». ЖьакIэмыхъу КIунэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КЪБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат.

Художник Iэзэ

Балъкъэр Фоусэт Уи гур мывэм къыхэмыщIыкIауэ, Уи псэр жыррэ Лъэпщ имыпсыхьауэ ПщIэжу щытмэ, Фоусэт и усэ Утегушхуэу укъемыджэ, тIасэ. Армыхъуамэ лъагъуныгъэ гуащIэм И мафIэлыгъаем ухисхьэнщ. Уи щхьэ закъуэ уи лъакъуитIу гъащIэм Ухэтын пфIэщIами, тхьэ пхуэсIуэнщ, А нэгъабэ къэзышахэр пщIэжмэ, Мис абыхэм уакIэщIэмыхьэжмэ.

ПащIэ Ленэ «ЛIыуэ пащIэ тетщ!» къыпхужаIэн ЩхьэкIэ, лIыгъэ Iэджэ хуейщ зепхьэн, Ахъумэ дэри пащIэ тхуэгъэкIынут- Дырошынэ тхуэмыгъэпэжынкIэ. ПащIэ тетрэ икIи хуэгъэпэжу МащIэ дыдэ мыгъуэщ къэнэжар… Ауэ диIэщ дэ нартылI и пэбжу ПащIэ Лени,- тхуэпсэуарэт ар! Тхуэпсэу, Ленэ, «Хъунщ иджы!» жыпIэхукIэ… Е куэсэхэм пащIэ къатекIэхукIэ.

ЖьакIэмыхъу КIунэ -ЖьакIэмыхъум роль мыхъуа -ЖьакIэмыхъум роль мыхъуа IэщIэкIауэ зылъэгъуа IэщIэкIауэ зылъэгъуа КъытхуэщIэжкъым дыхуэзауэ… КъытхуэщIэжкъым дыхуэзауэ… Уа, ар КIунэ зэрылъэкIыр дауэ?!! Уа, ар КIунэ зэрылъэкIыр дауэ?!! -Дауи- щхьэуи хэлъкъым: абы хуейр театрым ухуалъхуну аркъудейщ. -Дауи- щхьэуи хэлъкъым: абы хуейр театрым ухуалъхуну аркъудейщ.

Хьэрэдурэ Динэ Тхьэм зы илъэсищэ компенсацэу Тхьэм зы илъэсищэ компенсацэу Къысхупищэу, «НтIэ, дауэ хъуа! Къысхупищэу, «НтIэ, дауэ хъуа! Сытхэр гукъинэжрэ нэхъ сенсацэу Сытхэр гукъинэжрэ нэхъ сенсацэу Уэста гъащIэ кIыхьым хэплъэгъуа?» Уэста гъащIэ кIыхьым хэплъэгъуа?» ЖиIэу къызэупщIмэ сымыщIэххэу, ЖиIэу къызэупщIмэ сымыщIэххэу, Тхьэм естын жэуап згъэхьэзыращ: Тхьэм естын жэуап згъэхьэзыращ: «Мы си тхьэкIумитIымкIэ зэхэсхыу «Мы си тхьэкIумитIымкIэ зэхэсхыу Хьэрэдурэ Динэ седэIуащ!!!» Хьэрэдурэ Динэ седэIуащ!!!»

ГушыIэр зи щIасэ IутIыжым гушыIэныр и щIасэт. ГушыIэ щабэкIэ ар зыхуэмыупса адыгэ еджагъэшхуэ, композитор, художник, тхакIуэ щыIэу къыщIэкIынукъым. Тбилиси аспирантурэм щеджэм Борис гу лъитащ куржыхэм чеканкэ дахэ зэращIым. АбыкIэ къэрал псом щыцIэрыIуэ художникхэр, цIыхугъэ къищIри я мастерскойм кIуэ зэпыт хъуащ, Iэмэпсымэхэр зэригъэпэщащ. Чеканкэм иригъэзэгъахэщ адыгэ хъыбархэм, мифологием, тхыдэм къыхэтэджыкIа образхэр: Дамэлей, Кушыкупщ, Дахэнагъуэ, Сэтэней, КъуийцIыкIу, нэгъуэщI Iэджи.

Уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэ IутIыж Борис къызэрацIыхуу щытар драматургыущ, цIэрыIуэ нэхъ зыщIари и пьесэ купщIафIэхэрщ. Сценарийхэм нэмыщI, едзыгъуэхэурэ зэхэт пьесэу 30-м нэс итхащ IутIыжым. Борис и пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэр щагъэлъэгъуащ Адыгейми, Къэрэшей- Шэрджэсми, Абхъазми, Дагъыстэнми, Осетиеми, Къалмыкъми, Москваи. Псынэм и IэфIагъыр зы Iубыгъуэ закъуэкIэ къыпхуэщIэнущ. ТхакIуэм и зэфIэкIыр здынэсри къэпщIэфынущ и тхыгъэ нэхъ пажэхэм языхэзымкIэ.

Зи бзэр уэзджынэ ТхакIуэм и цIэм нэмыщI, и щхьэр умыцIыхуу щыщытым и деж итххэр нэхъ тыншу къызэрыппкъырыхьэм куэдым гу лъатауэ къыщIэкIынщ. Ар зытет дунеймрэ къигъэщI дунеймрэ апхуэдизкIэ зэпэхъу-зэпэщIэуэщи, щхьэж къылъыхъуэр къыщыпкIыу щигъуэтыфынущ тхакIуэм и деж.

Лъэпкъым и шхэпс Газетхэм, журналхэм статья куэд къытридзащ IутIыжым. Ар иригузавэрт адыгэбзэм и къэкIуэнум, литературэм и зыужьыкIэ хъунум, ди лъэпкъым и лъэпощхьэпо Iуэхухэм. КъызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнум зигу иригъу дэтхэнэ адыгэм дежкIи мы гупсысэхэр иджыпсту нэхъыщхьэ дыдэу къытщохъу: хэку Iэджэм щызэбгырыпхъа, насыпыншагъэ зи нэгум щIэкIа ди лъэпкъым и гур фIэмыкIуэдыпэу, зэбгырымылэжьыкIыпэу, нэхъыфIым пэплъэрэ зы лъэпкъыу зэщIэкIуэжыным щIэхъуэпсу икIи телажьэу къызэтегъэнэным сыт хуэдэ Iэмалхэр къыхуэбгъэсэбэп хъуну щыIэ? Апхуэдэ Iэмалхэм я нэхъ пажэри Iэрыхуэри, шэч хэмылъу, анэдэлъхубзэрщ, абы хузэхалъхьэу дамэ папщIэ хуэхъуа тхыбзэрщ, сыту жыпIэмэ тхыбзэм зэфIэкI иIэщ дэ тхуэдэ лъэпкъ зэбгырыдзар хамэгу- хамащхьэ зэхуэмыхъуу зэрыIыгъынымкIэ, зэфIэмыгъэкIуэдынымкIэ шхэпс папщIэу щытыну.

Уахътыншэ Махуэл имыIэу и гъащIэ псом IутIыж Борис адыгэм хуэлэжьащ. Абы хузэфIэкIар апхуэдизу куэдщ, инщ, фIыщи, уи фIэщ хъуркъым зы гъащIэ нэхъ имыIауэ.