Скачать презентацию
Идет загрузка презентации. Пожалуйста, подождите
Презентация была опубликована 13 лет назад пользователемxeet
1 Къардэнгъущ1 Зырамыку илъэс 90 ирокъу
2 Къардэнгъущ1ым и батырыбжьэ гъ. Мы гъэм Къардэнгъущ1 Зырамыку и ныбжьыр илъэс 90 ирокъу
3 ЩIым хэхуа жылэр къокI… Псыгуэнсум и ц1эр дахэк1э зыгъэ1уам ящыщщ Къардэнгъущ1 Зырамыку гъэм январым и 10 махуэм къалъхуащ, ауэ илъэс ныкъуэ мыхъуа щ1ык1э и адэр, илъэс 11 иримыкъуа щ1ык1э и анэр ф1эк1уэдащ. Зырамыку адэ-анэншэу къэна щхьэк1э зеиншэ хъуакъым – и шынэхъыжь Мурид зришал1эри ип1ыжащ, гъуэгу захуэми тригъэуващ.
4 Талант щэджащэ! Ауэ сытми уегупсысыну, уи нэгу къыщ1эбгъэхьэну, зэбгъэзэхуэну урикъуни, классиибл ф1эк1а къззымыуха Псыгуэнсу къуажэм къыдэхъук1а щ1алэ ц1ык1ур Мэзкуу Лунэчарскэм и ц1эр зезыхьэ ГИТИС-м и студент зэрыхъуам. Сталиным и стипендие кърату еджащ. А лъэхъэнэм щыгъуэщ Къардэнгъущ1ым япэ адыгэ драмэ «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» щитхари. ГИТИС-р диплом плъыжьк1э къиухащ.
5 Бзаджэм уемыуалIэ, лIыгъэм уримыбий! 1940 гъэм Зырамыку актеру мазитху нэхъ мылажьэу Дзэ плъыжьым къулыкъу щищ1эну яшэ. Десант бригадэм хэту Борисполь къалэм къулыкъур щрихьэк1ыу 1941 гъэм Хэку зауэшхуэм щ1едзэ. А гъэ дыдэм Къардэнгъущ1ыр зыхэт дзэр фашистхэм къаухъуреихь, Зырамыку у1эгъэ хьэлъэ мэхъури гъэрып1эм йохуэ гъэм Зырамыку нэмыцэ1уэм къок1уэсык1ыжри ди дзэм къыхохьэж. Зырамыку Хэку зауэшхуэм и орден къратащ.
6 Адыгэ IуэрыIуатэм и тхьэмадэ! 1949 гъэм Къардэнгъущ1ыр Шортэным хешэ 1уэры1уатэ зэхуэхьэсыным. Абы иужьк1э Зырамыку хэмыту экспедицэ куэд иригъэжьакъым ди щ1эныгъэхутэ институтым гъэм иужьк1э КъБНИИ-м адыгэбзэк1э къыдигъэк1а 1уэры1уатэ тхылъхэр Шортэнымрэ Къардэнгъущ1ымрэ здащ1а лэжьыгъэщ.
7 Адыгэ IуэрыIуатэм и тхьэмадэ! 1950 гъэм къыдэк1а «Нартхэр» тхылъым и макетыр зэхалъхьэ. Кхъуэ1уфэ Хьэжбат, Бищ1о Аслъэн, Албэч 1эуес, Къардэнгъущ1 Зырамыку сымэ.
8 Дыщэр дыщэпс хуэныкъуэкъым! 1981 гъэм къыдэк1ащ профессор Гиппиус и редакцэм щ1эту антологием и томипл1. абы хыхьэу уэрэд макъамэхэу 414 –м щыщу Къардэнгъущ1ым жи1эу ятхыжа уэрэдыр 45 мэхъу. Езым къилъыхъуэжурэ магнитофонк1э итхыжауэ 118 мэхъу. Нэгъуэщ1у жып1эмэ тхылъипл1ым я 1ыхьэ бгъуанэр Зырамыку жи1а уэрэдхэрщ, я 1ыхьэ щанэмрэ ныкъуэмрэ къилъыхъужа уэрэдрэ макъамэрэщ.
9 ЛIым и гуащIэр и пщIэщ! Адыгэ уэрэдыжьыр къи1этыжу радиом, телевиденэм, концерхэм щ1эзыхьар Къардэнгъущ1 Зырамыкущ. Ар Зырамыку и 1уащхьэмахуэхэм язщ. Бзэм теухуауэ научнэ сессием хэтахэр. Научнэ къэхутак1уэ институтым Темыркъан Юрэ кърагъэблэгъауэ.
10 Дызэрыгушхуэ нэхъыжьыфI! Жы1эн хуейщ Зырамыку и къэхутэныгъэм пщ1э ин зэригъуэтар. Ар – КъБР-м и ц1ыхубэ артистщ, КъБР-м, АР-м гъуазджэмк1э, щэнхабзэмк1э щ1ыхи зи1э я лэжьак1уэщ, КъБР- м и Совет нэхъыщхьэм и Президиумым и Щ1ыхь тхылъыр т1эунейрэ къыхуагъэфэщащ. Аркъудейкъым – Зырамыку Къардун Изэт и саугъэтым и лауреатщ.
11 КъардэнгъущIхэ я лъэпкъ жыг!
12 Iумахуэ!!! Уи макъ дахэм дэнк1и къыщилъэтыхьу, Уи щ1ыхь иным дэни щытепсэлъыхьу, Тепсэлъыхь пэтми, яхуэмыухыу, Къыптетхыхь пэтми, нахуэмытхысу, Лъэпкъ псо къызэрыпхьэхуфар нэрылъагъурэ, Нэрылъагъум и щэхур къахуэмыхутэу, Къахуэмыт1эщ1у, Уэ, а псом зыри хыумыщ1ык1 хуэдэ, Хэбгъахъуэрэ гухэхъуэгъуэр уи1э зэпыту - Илъэсищэм ущхьэдэхыну ДО-ХЪУА-ХЪУЭ!!!
Еще похожие презентации в нашем архиве:
© 2023 MyShared Inc.
All rights reserved.