Учитель кабардинского языка и литературы МОУ СОШ 1 с. Верхний Куркужин Нахушева Залина Адальбиевна
Зи цlэ лъапlэр дыщэ хьэрфкlэ иратхахэм ящыщ зыщ Пащlэ Бэчмырзэ.Апхуэдэ щlыхьрэ пщlэрэ абы къыхуэзыхьар и хэкумрэ и лъэпкъымрэ къалэн хьэлэмэт хуищlарщ- илъэс щэ ныкъуэм къриубыдэу екlуэкlа адыгэ гъащlэр кууагърэ пэжагъ нэсрэ хэлъу абы къызэригъэлъэгъуэжарщ. Абы и пщlэр нэхъри нэхъ къэзыlэтыр, щlэныгъэшхуэ бгъэдэмылъами, зэрыакъылыфlэм къыхэкlыу и анэдэлъхубзэм тхыбзэ зэрыхузэхилъхьарщ, адыгэ усыгъэм и лъабжьэр игъэтlылъыныр зэрыхузэфlэкlарщ. Пащlэ Бэчмырзэ а псор ищlэныр щlыхузэфlэкlар талант абрагъуэ зэрыбгъэдэлъарщ, къызыхэкlа и лъэпкъым сытым щыгъуи пыщlэныгъэ быдэ зэрыхуиlарщ.
Пащlэ Бэчмырзэ и гъащlэмрэ и творческэ лэжьыгъэмрэ. « Ижьым щыгъуазэрэ Зек I уэр иц i ыхум, ар i ущщ, Пэжыр и гъуазэрэ Захуэм щ i эбэнмэ, Ар л i ыф i щ.
1.Пащlэ Бэчмырзэ къыщалъхуар, къызыхэкlа унагъуэр. 2.«Уи кхъащхьэ» усэр зытхар, Ар зытепсэлъыхь lуэхугъуэр. 3.Пащlэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэсищэ щрикъур щагъэлъэпlар сыт щыгъуэ? Абы теухуауэ сытхэр фщlэрэ? 4.«Хъуэхъу» усэм гъэсэныгъэ мыхьэнэуэ хэлъхэр къебжэкlын.
5.Бэчмырзэ и дыщэ пхъуантэр» къэзытlэщlыжахэр, ахэм ирагъэкlуэкlа лэжьыгъэр. 6. Щlэныгъэншэ хадэцlыкlухъумэ гуэрым и деж щыттхыжащ Пащlэ Бэчмырзэ и усэ куэд…»Хэт хъуну Кlыщокъуэ Алим зи гугъу ищl хадэцlыкlухъумэр? 7.Пащlэ Бэчмырзэ Тыркум зэрыкlуа щlыкlэр, абы кlуэн хуей щlэхъуам и щхьэусыгъуэр. 8.Пащlэ Бэчмырзэ Тыркум зэрыкlуа щlыкlэр, щlэкlуам и щхьэусыгъуэр.
Пащlэ Бэчмырзэ и псалъэ lущхэр 1. Губзыгъэр зэрыпщlэр и lуэхущ, Хьэлэлыр зэрыпщlэр и хабзэщ. 2. Щlыхьыр пхуэфащэрэ, Жьантlэм удыхьэм, Гупсыси псалъэ, Зыплъыхьи тlыс. 3. Щlыхь хуэмыфащэу зыгъуэтым, Махуэ щlэщыгъуэщ и бжыгъэр.
Пащlэ Бэчмырзэ и псалъэ lущхэр 4. Уи япэ джалэм ущlэмынакlэ, Уи кlэ къихуэр ауан умыщl. 5. Умыщlэ lуэху щытхъу хуумыщlэ, Зыхыумыщlыкlым утемыпсэлъыхь. 6. Цlыхур lущым жэрдэм дэщl. 7. Блэкlар умыгъейуэ, Уи махуэм хуэлажьэ.
Псалъэжьхэр 1. Нэмысым насып къыдокlуэ. 2. Чэнджащэ щыуэркъым. 3. Е пщlауэ фlы ущымыгугъ. 4. Жьым еубзи,щlэр къащтэ. 5. Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщlэм гъуэгу ет.
1. Гъуэгурыкlуэм игъуэгу зэпаупщlыркъым. 2. Гъавэм утеувэмэ,берычэтыр хокl. 3. Гъубж махуэм lуэху яублэркъым. 4. Гъунэгъур бий ящlыркъым. 5. Я мыхабзэ къыумыублэ. 6. Ерыскъы пшхынур къэпым илъми утемытlысхьэ 7. Къагъуэта тыгъэ ящlыркъым.